Текст песни Бжьамий - Истамбылак1уэ
0 чел. считают текст песни верным
0 чел. считают текст песни неверным
Фыкъэдаlуэ цlыхухэ! Фыкъэдаlуэ псори! Псалъэр Кавказ къуршыжьхэрщ. Емыщlэжым хыхьэ lуэхущхуэщ, Зэман пшагъуэм щlихъума гуауэщ Нобэ фигум къэдгъэкlыжынур. Уо уо уо ри ра, Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ. Уо си адэжь пщlантlэ гущэм Шыгур щызэщlащlэ, Си гущlэр къыщитхъыурэ Хэкур сагъэбгынэ. Уо уо уо ри ра, Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ. Уо Истамбыл гъуэгу гущэри Уей унэшэкъаши, Си къэшэну дахэри Жылэм къыдэзнауэ, Уо уо уо ри ра, Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ. Уо си шыпхъу нэхъыщlэ гущэр Зэрыщхьэц барини Ди дей зэрыбынурэ Сэ къыскlэрыщlауэ, Уо уо уо ри ра, Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ. Сэ а махуэм кхъухь тедзапlэм Сыкъыlукlыри сыкъежьащ, Къуэ ещанэм сыкъэсауэ Зы шу къакlуэу къысхуэзащ. Жакlэм нэпсыр къыщыпыткlум Сэлам тыгъуэр ирохьэлъэ, Сыкъогубжьыри «лlы и хьэлкъым » Жысlэу щlалэм сыхуохъущlэ. Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр Плъагъужынум къыпхуэнэжыр, Жиlэщ шуми си лъэужьыр И гъуэгуанэу щlэпхъуэжащ. Сэ къызочыр а лъэбакъуэр, Бгъуэнщlагъ гуэрым сырохьэлlэ. Лlауэ щылъыр щlегъу щэныкъуэм, Лlэуэ щылъыр абы хыубжэм Зы щитху хъуну къыщlэкlынщ. Зи джанэбгъэр фыщlа анэм И нэр къаплъэу псэр щинащ, Зи псэм еджэ и сабийри, Зэса бгъафэм щlэгъуэлъхьащ. Насыпыншэу къалъхуа цlыкlур Шхэну хуейщи хокlиикl, Зи псэ пытхэм ар зэхахри Плъагъуу я гур кlоузыкl. Тlэкlу щэlужри lэуа дыгъэм И нэ цlыкlухэр щlилъэфащ. Сэри щlакlуэр занэзэкъуэм Хьэдэтепхъуэ яхуэсщlащ. Шум жиlауэ сэ си нэпсыр, Щlакlуэм тету слъагъужащ. Мис абдежым сиувыкlыри Сэ тхьэлъанэ быдэу сщlащ — Къызэдаlуэр, акъыл зиlэр, Мы lуэху бзаджэм къезгъэлыну Энджылызми Тырку пащыхьми Си хэку дахэр щысхъумэну Емынэ узыр зыхыхьэпауэ Зытекlуэдэжыр Тыркум нэсахэрщ, Я нэхъыбитlыр хыр къэукъубейри, Хьэпlацlэ lусыу хэкlуэдэжахэщ. Къэнажа тlэкlур мы къуакlэ-бгыкlэм Дэвубыдауэ дывогъэлlыхьыр. Фэ итlани фи тхьэлъанэщ Дэ ди цlыхухэр фlыуэ флъагъуу, Бгырыс лъэпкъыу щыlэ псоми Фlы къехъулlэм фэ фи гуапэу. Ар апхуэдэу щытыр пэжым Зылъэмыкlхэр щыхэкlуадэм, Ди цlыхубзхэр шыплlэжьагъэу Хъан бейгуэлхэм щызэрапхъуэм Хэт и хьэдэ фэ вгъеяр? Лей къыттехьэу сыт щlэвдар? Хьэпэщыпхэ бийм яхуэхъуу Сыт фэ дыуэ щlэвмытхар? Зэм Щамилым, зэм алыхьым , Зэм пащтыхьым фырилlыкlуэщ. Дэнэу пlэрэ фэ цlыхугъапцlэу Емынэжьхэм фи къежьапlэр. Хэт и хабзэм тедухуэну Фэ фи хьэдэм и щlэлъхьэкlэр, Сын фхуэтщlынут блащхьэ фlэту Щlым ар хэптlэм щlыр гызынущ. Мафlэ тщlырэ фыхедгъасхьэм, Уз хэкlынущ фи жьэрымэм. Ар псом нэхърэ нэхъ фхуэфащэщ lус фахуэхъум псыпцlэблэжьхэм. Цlыху нэлатыр зытехуауэ Щхъухьыр щхъухьым хырекlуадэ, Зи губампlэ мытlысахэм Фэ фи ужьыр яхухъу махуэ! Адыгэжь бэракъ гущэри, Уей жьыбгъэм зэрехьэ. Ди деж я хъыбархэри, Хэт дэ къытхуихьыну. Уо уо уо ри ра, Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ. Смотрите также:Все тексты Бжьамий >>> |
|
Fykedalue tslyhuhe!
Fykedalue psori!
Psal'er Kavkaz k'urshyzh'khershch.
Emyshlezhym khykhye luehushkhuesh,
Zeman pshagyuem shlikhuma guaesch
Nobe figum kedgeklyzhynur.
Woo woah woah ra,
Istamblym dashe mygyeri de.
Woo si adezh pshlantle gushchem
Shygur shyzeshlashle,
Si guschler kyshitkh'yure
Hekur sagebgyne.
Woo woah woah ra,
Istamblym dashe mygyeri de.
Uo Istambyl guuegu gushcheri
Way uneshekashi,
Si keshenu dahari
Zhylem kydeznaue,
Woo woah woah ra,
Istamblym dashe mygyeri de.
Uo si shypkhu nehyshchle gushcher
Zeryshkhyets barini
Dee dei zerybynure
Se kysklaryshlaue,
Woo woah woah ra,
Istamblym dashe mygyeri de.
Se a Mahuem Khuh Tedzaplem
Syk'yluklyri sykjezhyash,
Kue eschanem sykesaue
Zy shu k'aklueu k'yskhuezasch.
Jacquem nepsyr kyshypytklum
Salam tygyuer irohiel'e,
Sykogubzh'yri "lly and kh'elkym"
Zhysleu schlalem sikhuohushchle.
Zy lebakuesch ue ui nepsyr
Plaguzhynum qypkhuenezhir,
Zhilesh shumi si leuzh'yr
And gueguaneu schlephuuezhash.
Se kyzochyr a lebakuer,
Bguenschlag guerim syrohielle.
Llaue schyl'yr shlegyu shhenykuem,
Lleue schyl'yr aby khyubzhem
Zy shchchhu hunu kyshleklinsch.
Zi dzhanabger fyschla anem
And ner kapleu pser shinashch,
Zi psem eje and sabyiri,
Zesa bgaafem shlegyuelhyashch.
Nasypinsheu qalhua tslyklur
Shkhen hueyschi hockliikl,
Zi pse pootkhem ar zehakhri
Plagyuu I'm a gur musician.
Tleklu shcheluzhri leua dygam
And ne tsliklukher schlil'efasch.
Sary Schlakluer Zanasekuem
Hedetephuye yahueschlash.
Noise zhilaue se si napsyr,
Shlakluem aunt slaguzhsch.
Mis abdezhym siuvyklyri
Se tkh'el'ane bydeu sshlash -
Kyzedaluer, akyl ziler,
We luehu bzajem kezgelynu
Engylyzmi Tyrku pashykhmi
Si heku daher shyskhumen
Emyne uzyr zykh'epaue
Zytekludezhyr Tyrkum nesahersch,
I am nekhybitlyr hyr k'eukubeiri,
Khyeplаtsle lusyu hekluedezhahesh.
Kanazha tleklur we kjuakle-bgyklem
Devubydaue duvog'elllyhyr.
Fe itlani fi tkh'el'anesh
De di tslyhuher flyue flagyu,
Bgyrys lepk'yu schyle psomi
Fly kjehullem fe fi guapeu.
Ar aphuadeu shytyr pezhym
Zyl'emyklher shyhekluadam,
Di tslykhubzkher shypllezh'agau
Khan beiguelham shyzeraphuem
Hat and hede fe vgyeyar?
Lei kyttekh'eu is full of schlevdar?
Khyepeschyphe biim yahuehuu
Are you satisfied with fe duue schlevmythar?
Zem Shamilim, zem scarlet,
Zem pashtykh fyrilykluesch.
Deneu plere fe tslyhugaptsleu
Emynezhkhem fi kjezhyaplair.
Hat and Hubzam Teduhuenu
Fe fi khyadam and shlelhyeklair,
Son of fhuetschlut blaschhye flatu
Shlym ar heptlem shlyr gizinush.
Mafle vainlyre fyhedg'askhem,
Uz heklyushch fi zhyerem.
Ar psom nehre neh fkhuefaschesh
lus fahuehum psyptslablezhchem.
Tslyhu nelatyr zytehuaue
Shkhukhyr shkhukhym hyrekluade,
Zi gubampe mytlysahem
Fe fi uzhyr yahukhu mahuy!
Adygezh berak gushcheri,
Uey zhybgem zerehie.
Di dej I am khybarheri,
Hat de kytkhuikhynu.
Woo woah woah ra,
Istamblym dashe mygyueri de.